Адыгэ ЩIалэгъуалэ Kампым дыщызэIущIат, дыщыджэгуат, дыщеджат

#10649 Ekleme Tarihi 02/09/2024 06:04:45

Илъэс къэс едгъэкIуэкI адыгэ щIалэгъуалэ кампыр мы гъэми къыдэхъулIащ. Дэ ныбжьэгъущIэ зэдгъэгъуэтащ, нэжэгужу дызэхэтащ, зыдужьащ.

Мы гъэм щIалэгъуалэри, егъэджакIуэхэри, «Çerkesya Hareketi»-м щыщуэ зыкъытщIэзыгъакъуэ ди нэхъыжьхэри дызэхэту нэрыбгэ 110 дыхъуащ… адыгэу 110, Тыркум, Европэм, Iэмерикэм, Хэкум щыщу.

Адыгэ щIалэгъуалэ кампыр ныбжьыщIэхэр хуиту щызэхыхьэ, пщэрылъ гуэрхэр къыщащтэну щымыдзыхэ, еджэным щыхуэпабгъэ, зыщаублэщI, адыгэным щыхущIэкъу зы утыкуу щытыну дыхуейщ. 

Аращ бзэм, пшыналъэм, къафэм, синемэм, IэпэIэсагъэм, пщэфIэкIэм щрагъасэ мастер-класхэр щIэдгъэпсыр. Ди кампым къекIуалIэ дэтхэнэ зы ныбжьыщIэри и нэхъ мащIэрауэ зы мастер-клас хэтыным, зэхуэсым хэлэжьыным къыхудоджэ. 

ИджыкIэ дызыщIэхъуэпсыр къыдэхъулIакъым, ауэ зэрыщIэддзауэ щытам еплъытмэ, хэдгъэхъуауэ, дяпэкIи зыдузэщIынуэ дыщогугъ. 

Адыгэ лъэпкъыр дунейжьым тепхъащ. ЗылI дрибын пэтми, дызэрызэпэIэщIэм къыхэкIыуэ, социал, кIулътIур лъэныкъуэхэмкIэ зэмыщхь дохъу; хьэл-щэн, щытыкIэ зэхуэмыдэхэр къыдощтэ. Адыгэ щIалэгъуалэ кампым щызэхуэсахэр Iузунейлэ, Дузджэ, Рейхьанлы, Iескешехьир, Джэрмэным, Мейкъуапэ, Налщыч щыщуэ апхуэдэкъым, дяпэкIэ Черкесием щызэрыгъуэтыжыну, щызэрыубыдыжыну гугъэ, абы щIэхъуэпс цIыхущхьэхэщ. 

Псыежэхыр зы жэщым къриубыдэу зэрымыщтар, зы махуэкIи къызэрымыткIужыныр дощIэ, ауэ ипэкIэ дызэрыкIуатэри дощIэж, абы дыщогуфIыкI. 

ФIыщIэ яхудощI:

- сыт щыгъуи зыкъытщIэзыгъакъуэ, кампыр зэхэшыным гуащIэшхуэ хэзылъхьэ Хъуэтыкъуэ Шэмис (Тарик Топчу);

- «Çerkesya Hareketi»-м, Черкесием и тхыдэр джынымымрэ и сэцил къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным телажьэ зэгухьэныгъэм, Колн адыгэ Хасэ, Анталия Адыгэ хасэ;

- ди егъэджакIуэхэу Къанкъуэш Селмэ, Бесний Сеит, Безыр Зэбитрэ Мусарэ;

- кампым теухуауэ синемэ трахэу дунейм дыкъащIэнымкIэ Iуэхушхуэ тхуэзылэжьа ди дирехтыр Гюнджюер Мертэрэ и гупымрэ;

- ахъшэ-бохъшэкIэрэ, псалъэкIэрэ зыкъытщIэзыгъэкъуахэу Гюрбюз Ялчинкая, Куэбл Джандемыр, Ибрагим Догай, «Abzehk Kozmetik» и нэхъыщхьэ Джэтауэ Ахьмэд, .

Мэр Муратпаша-Анталия, Али Кылыч, Хайати Сарыбардак, Вели Оздемир, Махьмут Гонешко, Волкан Айдемир сымэ

Адыгэ Хэку Ныбжьыщӏэ гуп

Çerkesya Gençliği
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks