ЛIэщIыгъуэм и цIыху
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм къэрал утыкум къихьа политик цIэрыIуэхэм ящыщщ ди лъэпкъэгъу щэджащэ Къалмыкъ Юрэ.
СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, УФ-м и Къэрал Думэм, ЮстицэмкIэ и министерствэм купщIафIэу къызэрыщыпсэлъауэ щытахэмкIэ къэралым и цIыху мелуанхэм я гум къинащ Къалмыкъ Юрэ. Хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэм я проектхэм щытепсэлъыхькIэ, псоми нэрылъагъу ящыхъурт Къалмыкъым хэлъ зэпIэзэрытагъыр, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур, зытепсэлъыхьым нэсу зэрыхищIыкIыр икIи лъэныкъуэ псори зэпэшэчауэ Iуэхум зэрыбгъэдыхьэр. Апхуэдэу ар зэрыщытыр куэдрэ жа-Iэрт абы къыдэлэжьахэу Черномырдин Виктор, Степашин Сергей, Яковлев Вениамин, Нишанов Рафик, Крашенинников Павел, Куликов Анатолий сымэ, нэгъуэщIхэми. Къэралым и хабзэ нэхъыщхьэхэр зыубзыхуахэм я пашэу зэрыщытам къыдэкIуэу, абы и нэIэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ юрист цIэрыIуэхэр, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр, Урысей Федерацэ псор нобэ зэрыгушхуэхэри яхэту.
Зыщыщ лъэпкъым ифIри и Iейри зыхищIэу, и гуфIэгъуэр ядиIэтрэ и гуауэр ядигуэшу псэуащ Къалмыкъыр. Абхъаз Республикэм лъэпкъ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Сосналы СулътIан жиIауэ щытащ:
«Къалмыкъ Юрэ ипэжыпIэкIэ щы- тащ - адыгэ, абхъаз лъэпкъхэм я джакIуэу икIи унэтIакIуэу, я пашэу икIи плъапIэу. Абы и пщIэ инырщ, бгъэдэлъ зэхэщIыкI куурщ къэзыхьар зы тхыдэ лъабжьэ зиIэ бгырысхэр абхъаз лъэпкъ цIыкIум и къыщхьэщыжакIуэу увыныр. Аращ Абхъазым ядэIэпыкъуа гупым дзэпщ пэлъытэу яIар. Къалмыкъым и къыхуеджэныгъэм зэуIу ищIауэ щытащ зэшхэм я зэфIэкIыр, я къарур. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа ди лъэпкъхэм иджыри къахэкIауэ сщIэр-къым. Пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, цIыхугъэмрэ зэхэщIыкIымрэ я нэщэнэу ар бэм я гум куэдрэ илъынщ».
Апхуэдэ псалъэ дахэ куэд абы хужаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыщ цIыху цIэрыIуэхэм. США-м щыпсэу ди лъэпкъэгъу Къэзан Яхья Юрэ и кхъащ- хьэм щыжиIауэ щытащ абы и лIэныгъэр адыгэу дунейм тетым ди хэщIыныгъэ ину зэрыщытыр.
Дэтхэнэ лъэпкъми иIэщ езыр зэрыгушхуэ икIи зэрыпагэ цIыхушхуэхэр, лIэщIыгъуэкIэрэ я тхыдэм хэмыкIыу. Адыгэхэм ди дежкIэ апхуэдэщ Къалмыкъ Юрэ.
ГъащIэми щIэныгъэми щылIыхъусэ
Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр гъащIэм сызыщрихьэлIахэм ящыщу пщIэшхуэ зыхуэсщIхэм яхызолъытэ. Илъэс 40 нэхърэ нэхъыбэ дэкIащ дэ дызэрызэрыцIыху лъандэрэ, къэзгъэщIам и зэхуэдитIым щIигъукIи ар ныбжьэгъу пэжу сиIащ.
ЮРЭ куэдым яцIыху щIэныгъэлI Iэзэу, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэу, къэрал, политикэ лэжьакIуэ ахъырзэману. Сыт хуэдэ IэнатIэ дзыхь къыхуамыщIами, ар абы ирихьэкIащ тэрэзу, зыхэтым пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу — ахэр студент е профессор гуп ирехъу, къэрал къулыкъущIэу е цIыху къызэрыгуэкIыу щрет. Къалмыкъым хуэдэу «цIыху минхэр, мелуанхэр къыхуэарэзыщ» зыху-жыпIэн куэд щыIэу сэ сщIэркъым.
IэнатIэ куэдым сыщыдэлэжьащ сэ Юрэ икIи ар лъэныкъуэ псомкIи къэсцIыхуну Iэмал згъуэтащ. Куэдрэ къэхъуркъым зэчий лъагэмрэ зэхэщIыкI куумрэ, гуащIэдэкI хьэлэлымрэ къару мыкIуэщIымрэ, щыпкъагъэмрэ лIыгъэмрэ зэгъусэу зы цIыхум хэлъу ущрихьэлIэ. А хьэл-щэн псори хэлът Къалмыкъым, къыдэлажьэхэм, зрихьэлIэхэм дапщэщи щапхъэ яхуэхъуу.
Илъэс бжыгъэ куэдым къриубыдэу сэ мызэ-мытIэу лэжьыгъэ IуэхукIэ сыщыIащ Къалмыкъыр щылэжьа Саратов юридическэ институтым, ар зи пашэ кафедрэм Iуэху зехьэкIэхэмкIэ дыщызэдэгуашэу. А лъэхъэнэм сэри срипашэт Къэзахъ къэрал университетым иIэ апхуэдэ дыдэ кафедрэм.
Дэ дызэрыщIэрт ди лэжьыгъэкIэ, зэгъусэу дыхэтт щIэныгъэ конференцхэм, симпозиумхэм, щIэныгъэ советхэм драгъэблагъэрт, тхылъыщIэхэм, къэхутэныгъэщIэхэм датепсэлъыхьу, ахэр зэпкърытхыу. Къалмыкъыр здэщыIэ апхуэдэ зэ-хуэсхэм нэхъыбэIуэрэ срихьэлIэным дапщэщи сыхущIэкъурт, сыту жыпIэмэ акъыл нэху, гупсысэ шэщIа зиIэ а цIыху телъыджэм сыдэуэршэрыну, Iуэхугъуэ гуэрхэм зэреплъыр зэзгъэщIэну сфIэфIти. Дапщэрэ ухуэмыкIуэми, абы и бгырыс хьэ-щIэ егъэблэгъэкIэр япэ итт, ари гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI гуапагъэу зэрыщытыр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу.
Зэгуэрым абы и библиотекэм щыслъэгъуат тхылъыфI гуэр, гъуэтыгъуейрэ цIэрыIуэу, икIи сымыгъэщIэгъуэн слъэкIакъым апхуэдэ къыдэ-кIыгъуэ хьэлэмэтыр зэрызыIэригъэхьэфар. И унэ сыкъыщIишыжри, абы сригъэтIысхьэжащ Алма-Ата кIуэж мафIэгум. Гъуэгум сыздытетым, си портфелыр къызэIузохри — а тхылъыр абы дэлъщ. Ар хьэщIагъэ лъагэм и нэщэнэу икIи хьэщIэм и дежкIэ дерс щхьэпэу къызолъытэ. Апхуэдэ гуапа- гъэр гум куэдрэ илъщ. Ди зэхуэзэхэр гъэнщIат псалъэмакъ купщIафIэхэмкIэ, зэдауэ хьэлэмэтхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэхэмкIэ, атIэми ахэр дапщэщи «ягъэIэфIырт» Юрэ и гушыIэкIэ щабэм, апхуэдизу ар псалъэм хуэIэзэт, бзэм хуэшэрыуэти. Къэхъурт ди зэIущIэхэм пэщIэдзэ щызыгъуэта Iуэху еплъыкIэхэр абы и къэхутэныгъэхэм, иужькIэ щIэныгъэ статьяхэм, докладхэм, тхылъ щхьэхуэ-хэм лъабжьэ щахуэхъуж.
Лъэпкъ щIэныгъэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа IэщIагъэлI пажэхэм ящыщщ Къалмыкъ Юрэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыщыIаи, жылагъуэ Iуэхухэр щызэфIихаи, къэрал, полити-кэ къулыкъу лъагэхэм щыпэрытаи-абы зэи Iэ-щIыб ищIакъым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр.
Къалмыкъым и къалэмыпэм къыпы-кIа тхыгъэхэр хабзэмрэ хуитыныгъэмрэ ятеухуа-уэ щыIэ тхылъхэм я нэхъыфIхэщ, ахэр хэлъщ лъэпкъ щIэныгъэм и фондым. Сэ абыхэм сыт щыгъуи щыгъуазэ захуэсщIырт гупсэхуу, рецензэ зыхуэстххэри мымащIэу.
ЗэхъуэкIыныгъэм и лъэхъэнэм Къалмыкъыр куууэ хэтащ «борэнымрэ гъуэжькуиймрэ» я курыкупсэм. Къэрал экономикэм хуиту зезыгъэужьын хабзэхэр зэхэлъхьэным елэжьа хэкупсэхэм ящыщащ Юрэ, уеблэмэ а лъэхъэнэм къащта хабзэхэм куэд яхэтакъым абы и нэIэм щIэмыта, и къэпщытэныгъэхэм кIуэцIрымыкIа. Абы щыгъуэ сэри сахэтт хабзэхэм елэжь комиссэхэм. Дэ дыщылажьэрт Москва и Iэшэлъашэхэм щыIэ санаторэ гуэрым и унэм. СощIэж: хабзэубзыху комиссэм и унафэщIт Къалмыкъри, махуэ псом Совет Нэхъыщхьэм щыIамэ, пщыхьэщхьэм дэ къытхыхьэжырти, и гуи и пси етауэ, дэтхэнэ хьэрфри псалъэри щIипщытыкIыу, зэригъэзахуэу къыддэлажьэрт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дгъэхьэзы-рауэ щытащ Урысей Федерацэр, СНГ-м хэт къэралхэр ноби зэрыпсэу хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ куэд. Хабзэхэр лъэхъэнэм хуэфащэу убзыхужыным псэуху елэжьащ ди ныбжьэгъу пэжыр.
Юрэ ящыщт зи къэралыр, щалъхуа и щIына-лъэ цIыкIур фIыуэ зылъагъухэм. Ар сыт щыгъуи ирипагэрт икIи иригушхуэрт къызыхэкIа адыгэ лъэпкъ уардэм, арщхьэкIэ цIыхум пщIэ щIыхуищIыр е ныбжьэгъу къызэрыхихыр зыкIи епхатэкъым ар зыщыщ лъэпкъым. Нэхъ зэныбжьэгъухэр цIыху 11 дыхъурти, лъэпкъи 7-м дащыщт, шхэпсу къытхэтри Къалмыкъырт.
ДыкъызыхэкIа лIакъуэмрэ дыкъыщалъхуа щIыпIэмрэ емылъытауэ, псори дызэдэлэжьащ дызэгурыIуэу, ди къэралыр ефIэкIуэным, лъэ быдэкIэ увыжы-ным дэтхэнэми ди къарурэ зэфIэкIрэ етхьэлIэу.
Сыт хуэдиз лIыгъэрэ зэпIэзэрытыныгъэрэ хэлъа Къалмыкъым?! МыхъумыщIагъэмрэ лей зехьэнымрэ я бийуэ псэуащ ар. Абы и щапхъэхэр гъунэжщ. 1980 гъэм СССР-м икIыным ирахулIат ди ныбжьэгъуфI, юрист-цивилист куэдым ди егъэджакIуэ икIи унэтIакIуэ Иоффе Олимпиад (иужьрей зэманым ар щытащ США-м и университет цIэрыIуэхэм ящыщ зым и профессору). Хэкум икIа нэужь, ныбжьэгъу «пэжу» иIахэм ящыщ куэдым абы я щIыб хуагъэзат, властым и губгъэн къахьыным щышынэри.
Ныбжьэгъугъэм епцIыж зи мыхабзэ Юрэ зыми зыдигъэшакъым, Олимпиад хуиIа щытыкIэми зы мэскъал кIэригъэхуа-къым, уеблэмэ абы пыщIэныгъэ зэрыхуиIэр зэи ибзыщIакъым. Апхуэдэ лIыгъэхэм ящыщтэкъэ абы 1994 гъэм и щэкIуэгъуэм ича лъэбакъуэри.
ЖыпIэнурамэ, щIэныгъэми гъащIэми щылIыхъусэт Къалмыкъ Юрэ. Апхуэдэхэм я лъэужьыр щIэх хэгъуэщэжыркъым. И IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэмкIэ, гупсысэхэмкIэ Юрэ ноби къытхэтщ псэухэм, гъуазэ къытхуэхъуу.
Акъыл шэщIарэ Iуэху еплъыкIэ хэхарэ
Сэри си унагъуэм исхэми Тхьэшхуэр къытхуэупсауэ къыдолъытэ Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэм гъащIэ гъуэгум дызэрыщыIущIамкIэ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 80 — 90 гъэхэм, къэралым и иджырей тхыдэм щыщу нэхъ гугъуу икIи зэхэзэрыхьауэ ялъытэм, дэ унагъуитIыр Москва дыщызэрихьэлIауэ щытащ. НыбжьэгъуфI схуэхъуа Юрэ и хьэл-щэнымкIэ сэ къэсцIыхуащ ар къызыхэкIа бгырыс лъэпкъ уардэм кIуэцIылъ гушхуэри, бгъэдэлъ лъэкIыныгъэри, хэлъ лIыгъэри.
КЪАЛМЫКЪ Юрэ щIэныгъэлI Iэзэу зэ-рыщытым и хъыбар куэд нэхъапэIуэкIи зэхэсхат. Ленинград къэрал университетым и юридическэ къудамэм и гъэсэн нэхъыфI дыдэхэм ящыщ Юрэ и къалэмыпэм къыпыкI щIэныгъэ лэжьыгъэхэр адрейхэм къащхьэщыкIырт япкърылъ гупсысэхэм я кууагъкIэ, къыщиIэт Iуэхугъуэ-хэм жылагъуэм щаIэ мыхьэнэшхуэмкIэ. Абыхэм щыгъуазэ защыхуэпщIкIэ, езы авторыр уи цIыхугъэу щымытми, зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым ар акъыл шэщIарэ Iуэху еплъыкIэ хэхарэ зиIэ щIэныгъэлI щыпкъэу зэрыщытыр.
Тхыгъэхэм хэплъагъуэрт зы хьэлэмэтагъ телъыджэ: ахэр псори зыхуэгъэпсар хабзэ убзыхуам-рэ хуитыныгъэмрэ зи гъащIэр тещIыхьа цIыхум и Iуэхур адэкIи егъэфIэкIуэнырт, абы и зэхэщIыкIым, дуней еплъыкIэм нэхъри зегъэужьынырт.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм я кIэ-ухым дэ япэ дыдэу дыщызэрихьэлIащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм. Жылагъуэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ куухэм щытыкIэ гугъум ирагъэувауэ щытащ ди къэралыр. Дэ, депутатхэм, ди пщэ къыдэхуат жэ-уаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн ин: Хэ-кум и зыужьыныгъэр лъэхъэнэм хуэфэщэн мардэм хуэзыгъакIуэ хабзэ нэхъыщхьэхэр зэхэтлъхьэн, ахэр зэман кIэщIым къриубыдэу къэтщтэн хуейт. А лэжьыгъэ ткIийм дыпэрыту сэ къызгурыIуащ зы цIыхум и хьэл-щэным щIэныгъэлI щэджащэм и зэфIэкIри, цIыхугъэ лъагэри, зэхэщIыкI куури зэуэ щызэхэухуэнауэ — зэрыщытыфынур. А псоми ящIыгъут — ар къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр, и пщIэмрэ нэмысымрэ. Апхуэдэ цIыхут Къалмыкъ Юрэ — адыгэлI нэсыр икIи цIыху гъуэзэджэр.
Сэ фIыуэ сощIэ: СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1989 — 1991 гъэхэм зэфIиха IуэхугъуэфIхэм Къалмыкъ Юрэ и гуащIэ куэд хэлъщ, икIи, языныкъуэ политиканхэм сыт хуэдэу гугъу зрамыгъэхьми, а цIыху щэджащэм и фIыщIэр а лъэхъэнэм зэи пхухэтхъыкIынукъым. Юрэ и Iэужьым дапщэщи пщIэшхуэ щиIэнущ жылагъуэм. Дзыхь лъагэ къыхуэзыщIа цIыхубэм ярита псалъэр игъэпэжащ абы, Совет Нэхъыщхьэм Хабзэхэр зыубзыху и комитетым щыхэтами, абы и унафэщIу щагъэувами.
Куэдым дощIэж 1991 гъэм и шыщхьэуIу мазэм къэралым къыщыхъуауэ щыта зэрыхьзэрийр. Абы къыкIэлъыкIуауэ щытащ Совет Союзым хыхьэ республикэхэр щIыналъэ щхьэхуэ-щхьэхуэ зэрыхъуари. А лъэхъэнэ хьэлъэм икIи къызэрымыкIуэм Урысей Федерацэм и Конституцэр — ди гъащIэм и хабзэ нэхъыщхьэр — щIэрыщIэу убзыхужыным Къалмыкъ Юрэ къарурэ зэфIэкIыу, щIэныгъэрэ лъэкIыныгъэу ирихьэлIари цIыхухэм я гум зэи ихуну-къым. Абы къыкIэлъыкIуащ Юрэ и зэфIэкIыр нэхъри наIуэ къыщыхъуа IэнатIэхэри. Абыхэм я нэхъыщхьэхэм ящыщщ ар къэралыгъуэщIэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и пашэу зэрыщытар, гъащIэм, псэукIэм я хабзэщIэхэр иукъуэдийрэ ахэр цIыхубэм яхуигъэлажьэу.
Сыт хуэдэ къалэн имыгъэзэщIами, Къалмыкъым и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхухэм пэжагъым тету къулыкъу яхуэщIэнырт, зэфIэкIыу бгъэдэлъыр абыхэм яхуигъэлэжьэнырт. Щалъхуа щIыпIэм къыщыщIэж бгыщхьэ псынэпсым хуэдэу къабзэт абы и псэр, и гупсысэхэр, и IуэхущIафэхэр, хэбдзын хэмылъу. А псынэп-сым и зы Iубыгъуэ щIыIэм, уи къарур къызэрызыгъэгъуэтыжрэ гупсысэр зыгъэжаныжым, хуэдэт си ныбжьэгъуфIым и дэтхэнэ IуэхущIафэри.
Сэ, Хохлов Славэ, Къалмыкъ Юрэ — дэ щым ди зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэр куэдрэ изогъэщхь фронтым зэдыIут цIы-хухъухэм яку къыдэхъуэ зэныбжьэгъугъэ быдэм, пэжым. Дамэпкъ лъэщым хуэдэу щIэгъэкъуэн хъу а гурыщIэр псыхьащ хахуагъэкIэ, лIыгъэкIэ, псэемыблэжагъкIэ. Зэкъым икIи тIэукъым дэ, зэныб- жьэгъухэр, щытыкIэ къызэрымыкIуэ дызэрихуар. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Совет Нэхъыщхьэм и щIыхьэпIэм танкхэр щыщыгъуэгъуа 1991 гъэм и шыщхьэуIур е 1994 гъэм Шэшэным зыщыщIидза лъыгъажэ зауэр. Абы щыгъуэм дэ псалъэ быдэ ттауэ щытащ хабзэмрэ хуитыныгъэмрэ къэралым щытхъумэну, сыт хуэдэ уасэ абы щIэттын хуей мыхъуми. А зауэр зэраубламкIэ зэрымыарэзыр къигъэлъагъуэу Къалмыкъыр и къулыкъум текIауэ щытащ. Ар куэдым яхузэфIэмыкIын лIыгъэщ.
Апхуэдэ гугъуехь куэдым гъащIэм гурэ псэкIэ щыпэщIэтащ си ныбжьэгъуфIыр. Ар цIыхуфэм дэмыхуэным хуэдизщ, цIыхугуми хуэмыхьын хьэлъэщ. Сэ сыхунэсащ си гур операцэ езгъэщIын. Слави Юри хунэсакъым…
Си ныбжьэгъухэр дунейм ехыжащ ма- зэ бжыгъэ фIэкIа я мызэхуакуу. Абыхэм я щымыIэжыныгъэр сэ икъукIэ къыстехьэлъати, къысфIэщIырт езы уафэ дыдэр къелъэхъшэхауэ сыщIипIытIэу… Абыхэм яхуэдэ ныбжьэгъу пэж Хэку зауэш-хуэм сыкъызэрикIыжрэ сиIатэкъым. СощIэ — афIэкIа зэи сиIэнукъым. ИкIи сыхуейкъым…
Си псэм ноби къыщоблэ абыхэм къапкърыкI нэхугъэр. Юрэ и унагъуэм щIэсхэр ныбжьэгъу пэжу къысхуэнащ: и щхьэгъу-сэ Октябрини, и адэм и гъуэгум ирикIуэ-хэу, абы и IэщIагъэр къыхэзыха ипхъухэу Мадини, Свети, Лени, я ныбжьым хуумыгъэфэщэн Iущагъ зыбгъэдэлъ и пхъурылъхухэри.
Сэри си унагъуэри дапщэ-щи дахуэпэжынущ Юрэ и щIэблэм. Адэм, адэшхуэм и вагъуэр куэдрэ къахурыреб-лэ абыхэм, я гъащIэ гъуэгур нэху яхуищIу.
Лъэпкъым и набдзэ
Урысей щIэныгъэлI ин, политикэ, къэрал лэжьакIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр икIи абы и япэ тхьэмадэу щы-та Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр къызыхэкIа лъэпкъым, абы къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм зы махуи я гум ихуакъым. Щхьэусыгъуэр — а лIы щэджащэр псэ къабзэкIэ цIыхубэм зэрахуэлэжьарщ, акъылышхуэрэ щIэныгъэ нэгъэсарэ зэриIарщ.
Къалмыкъ Юрэ 1934 гъэм щIышылэм и 1-м Шэрджэс автономнэ областым щыщ Абазэкт къуажэм къыщалъхуащ. 1952 — 1957 гъэхэм ар Ленинград дэт университетым и юридическэ факультетым щеджащ икIи цивилистикэмкIэ щIэныгъэ куу зригъэгъуэтащ. 1962 гъэм Саратов дэт юридическэ институтым граждан правэмкIэ и кафедрэм аспирантурэр къыщиухри, адэкIэ и гъащIэ псор а IэщIагъэм хуигъэпсащ.
ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ щIалэм и къэхутэныгъэхэр къэралым къыщыдэкI журналхэмрэ тхылъхэмрэ щIэх-щIэхыурэ къытехуэу хуежьащ. Абы и кандидат диссертацэр 1963 гъэм, доктор диссертацэр 1971 гъэм пхигъэкIащ. Ар дунейпсо симпозиумхэм, конференцхэм ираджэрт, абы и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщагъэсэбэпырт.
Илъэс тIощIым щIигъукIэ Къалмыкъ Юрэ Саратов дэт юридическэ институтым и кафедрэм и унафэщIу, профессору лэжьащ. Абы зэтригъэуващ къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуа егъэджэкIэмрэ цивилистикэм хуэгъэза къэхутэныгъэхэмрэ. И ныбжькIэ щIалэми, Саратов дэт университетым и профессорым и цIэр къэралым къыщраIуэрт а зэманым щIэныгъэлI нэхъ лъэщ дыдэу къалъытэу щыта Грибанов В. П. (Москва дэт къэрал университет), Иоффе О. С. (Ленинград дэт къэрал университет), Кросовский О. А. (Свердловск дэт къэрал университет) сымэ ящIыгъуу.
Апхуэдэу щыт пэтми, еджагъэшхуэр ямыгъэтыншу, ягъэулъиину хэту куэдрэ екIуэкIащ. Абы пцIы куэд тралъхьэурэ тхьэусыхафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ятхырт икIи абыхэм япкъ иткIэ кафедрэм и унафэщIу ягъэлажьэ мыхъуну къыщалъыта лъэхъэнэ щыIащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, а зэманым Къалмыкъ Юрэ и къулыкъур щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм ящыщ гуэрым хуагъэлъэгъуат, ауэ мыдрейр абы увын идакъым, «Ар зи IэнатIэр профессор Къалмыкъырщ», жиIэри.
1989 гъэм хэхыныгъэм щытекIуэри, Къалмыкъ Юрэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутат хъуащ икIи законодательствэмкIэ комитетым и пашэ ящIащ. ЦIыхубэ депутатхэм я зэIущIэхэм а зэманым кIэлъыплъу щытахэм фIыуэ ящIэж зэныкъуэкъу гуэрхэр къыщыхъуам деж Iуэхум и пэжыпIэр жиIэн пап-щIэ зэIущIэхэр езыгъэкIуэкI Горбачёв Михаил Къалмыкъ Юрэ утыкум къришэу зэрыщытар.
1992 гъэм зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ икIи зи IэщIагъэм нэгъэсауэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIыр Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру ягъэувауэ щытащ. Ауэ апхуэдэ къулыкъу лъагэр абы 1994 гъэм зыщхьэщихыжащ, федеральнэ дзэхэр Шэшэным ихьэну къащта унафэр зэрыдимыIыгъым и дамыгъэу. Апхуэдэу ерыщу икIи шынагъэрэ чэнджэщрэ хэмылъу къэувыфынур пщIэмрэ щIы- хьымрэ зи гъуазэ, зи хахуагъэм унафэ имыIэж цIыхурщ.
Дэ хэхауэ ди гум къинащ Къалмыкъ Юрэ 1991 — 1992 гъэхэм Къэбэрдей лъэпкъым и конгрессым и пашэу зэрыщытар, 1991 — 1994 гъэхэм, иужькIэ 1996 — 1997 гъэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу зэрылэжьар. Ар ДАХ-м и уставыр зэхэзылъхьахэм, адыгэхэм я лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм ди лъэхъэнэм къыпэщыт Iуэху нэхъыщхьэхэр зыубзыхуахэм яхэтащ.
Ди республикэм исхэм зэи ящыгъупщэжынкъым 1992 гъэм и гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ екIуэкIа пэкIухэр, абыхэм дызыхуаша зэпэщIэтыныгъэхэр. А лъэхъэнэм лъыгъажэ къэмыхъуу республикэр къызэрыхэкIар псом япэу зи фIыщIэр Къалмыкъ Юрэщ.
1994 — 1996 гъэхэм Къалмыкъ Юрэ Къэрал Думэм и депутату щытащ, Къэрал Думэм СНГ-м и IуэхухэмкIэ и комиссэм хэтащ.
Юрист цIэрыIуэхэу Яковлев В.Ф., Алексеев С. С., нэгъуэщIхэми ящIыгъуу абы игъэхьэзыращ Урысейм и Конституцэм и проектыр. Ауэ Къалмыкъ Юрэ и парламент лэжьыгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэу жыпIэ хъунущ Граждан законодательствэм и лъабжьэхэр. Ар цивилистикэм ди къэралым зыщегъэужьынымкIэ лъэбакъуэщIэу щытащ.
И лэжьыгъэ емызэшыжымкIэ, лъэпкъыр узэщIыным хуэунэтIа и гупсысэ къабзэхэмкIэ Къалмыкъ Юрэ хыхьащ къэралым и тхыдэм, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм. Аращ абы и цIэр пщIэшхуэ хуащIу нобэ дэнэ щIыпIи щIыщаIэтыр.
ЦIыхубэм и дзыхь лъагэ
Псоми гущIыхьэ тщыхъуауэ щытащ 1997 гъэм и щIышылэ мазэм къэIуа хъыбар гуауэр: щIэныгъэлI цIэрыIуэ, къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, профессор Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр дунейм зэрехыжар.
ЛЕНИНГРАД (иджы Санкт-Петербург) къэрал университетым и гъэсэн нэхъыфIхэм ящыщ Къалмыкъыр щIэныгъэм хыхьат лъэбакъуэшхуэкIэ икIи абы лъэ быдэкIэ щыуват. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм я кIэу-хым Къалмыкъ Юрэ и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ. Абы ирихьэлIэу ар щIэныгъэлI цIэрыIуэт, хабзэм ехьэлIа тхылъхэр, статьяхэр, студентхэм къагъэсэбэп пособие зэмылIэужьыгъуэхэр и къалэмыпэм къыпыкIат. 1989 гъэм екIуэкIа хэхыныгъэм абы депутат мандатыр къыщыхуагъэфэщат Саратов и хэхыпIэ округхэм ящыщ зым, цIыхубэм дзыхь лъагэ кърагъэзри.
А лъэхъэнэращ сэ Къалмыкъ Юрэ гъунэгъуу къыщысцIыхуар. Къэралпсо хабзэхэр убзыхуным зэгъусэу делэжьащ дэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри гъэхьэзырыным и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ Къалмыкъым, сыт хуэдэ псалъэри псалъэ зэпхари я мыхьэнэкIэ а хабзэ хэхам зэрыхуэкIуэр мызэ-мытIэу къипщытэжу.
Хабзэхэм елэжьхэм ди лэ-жьыгъэр къызыхуэтыншэу зэтриублэрт абы. Зэныкъуэкъу гуэрхэр гупым къыщыхъумэ, Iуэхур Iэдэбу зэтриуIэфIэжырт, зыми и жагъуэ зэримыщIыным ху- щIэкъуу. Ауэ щыхъукIи, дэтхэнэми пэжу, зэIухауэ къытхущытт, сыткIи сэбэп къытхуэхъуу. Гупыр игъэгупырти, шхэпс къытхуэхъурт, гушыIэ дахи хэлът. Ауэ, Iэмалыншэ хъуамэ, къикIуэт иIэнутэкъым Къалмыкъым.
Кавказым и бын пажэхэм ящыща Юрэ и щIыналъэми абы и цIыхухэми куэд яхуищIащ. И лъэпкъым дапщэщи псэкIэ пыщIауэ дунейм тета Къалмыкъыр и хэку цIыкIуми щылIэжащ.
Апхуэдэ цIыху щэджащэхэр къэзылъху лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыдахэр си фIэщ мэхъу.
ТОЛСТОЙ Юрий,
профессор