#1678 Ekleme Tarihi 21/12/2017 08:57:03
Нобэ КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ кафедрэм къызэригъэпэщауэ щекIуэкIащ анэдэлъхубзэм и Iуэхум ехьэлIа зэIущIэ. КъекIуэкIа псалъэмакъым щыщ зы Iыхьэ ныдолъхьэ утыку
ФIэхъус гуапэ фызох псоми!
«Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ» - щыжеIэ адыгэ уэрэдыжьым. Ауэ гурыIуэгъуэкъым, зи сэшхуапэ, зи фочыпэ здигъэзэну лъэныкъуэр ищIэу зи Хэку, зи хабзэ, зи лъэпкъ зыхъумэжар ара хьэмэрэ къэрал къулыкъу зэрихьэу, къэрал IуэхущIапIэ Iуту, къэрал улахуэ ирату и щхьэзыфIэфагъкIэ лъэпкъыр зыгъэунэхъуным, пыIэм и гъусэу щхьэр зыхьыным, илъэс минхэм къыпхаха бзэр IэщIыб щIэблэм езыгъэщIыным, къуэгъэнапIэ фочауэм пэщIэтыр ара «зэман бзаджэм халъхуар?»
Мыбдеж зы цIыху дыщIэскъым урысыбзэр зэдмыгъащIэу щIэныгъэ дгъуэтауэ, зы къэралышхуэ ущызэдискIэ, лъэпкъыу щитIым нэблагъэ абы щыпсэукIэ, урысыбзэкIэ дызэгуроIуэ, дызэрощIэ, щIэныгъэ догъуэт, дгъуэтам хыдогъахъуэ, хэдгъахъуэм догушхуэ, ди къэухь зеужь, Iэужь къыдогъанэ. Ауэ, зэрыжысIащи, лъэпкъыу исым езым ди бзэ диIэжщ. ДиIэжыр димыIэж ящIыну, ящIэр яфIэбэмащIэу, щIэр ягъапцIэу, пцIыр я жьантIэу къэралым игъэува Хабзэхэр, Конституцэм ипсыхьа Iуэхугъуэхэр зэтезыкъутэр гъунэжщ.
Урысыбзэм ухуэкIуэныр лъэпкъым ущымыщыж Iуэхугъуэу щыткъым, «лъэпкъым и кIуэдыж» къикIыркъым, апхуэдэу лъэпкъ националистхэм къытщагъэхъуну хуейми, - етх академик Валерий Тишков. Сыхуейт академикым упщIитIкIэ зыхуэзгъэзэну:
1. Апхуэдэу щытыр пэжмэ, «урысыбзэр яджыну, урысыбзэкIэ ирагъэджэну хуимытыжу щащI Украинэм, Латвием, Литвам, Эстонием, - жаIэу, радиор, телевиденэр щIэмыувыIэр сыт? Ахэр къэрал щхьэхуэу щытмэ, дэ зы къэралышхуэ дызэдисщ, зэдису хъуам къызэдащта КонституцэкIэ дызэдопсэу. Къэзыщтар Тишковкъым, атIэ лъэпкъыу исым, удын зэхэдзэ мыхъуу, акъыл зэхэдзэкIэ, нэхъыжьагъ-нэхъыщIагъ, нэхъыщхьагъ-икIагъ мыхъуу, сыпхуэдэ-укъысхуэдэкIэщ.
2. Дунейпсо бзэуэ къалъытэ инджылыбзэр, ар зэдгъащIэмэ, нэгъуэщI бзэ дыхуэмейуэ, жиIэу, сыт урысыбзэкIэ гугъу зригъэхьу езы академикыр щIэтхэр, щIэпсалъэр?
АтIэ дэри дыхуейщ ди бзэкIэ апхуэдэу хуиту дытхэну, дытхъэну, дыпсэлъэну, зытлъэщIыну, деджэну, дыуджыну. Дыхуейкъым ди щIэблэм «Дызыщыщми даремыщхьыжу, дызэвгъэщхьынуми дащымыщыххэу сыт дыкъыщIэвгъэнар?» къыджаIэну. Апхуэдэ упщIэм щымышынэу пIэрэ «Си бын адыгэбзэ езгъэджэну сыхуейкъым» жызыIэ адэр, анэр? Ди гуфIэгъуэ, гуIэгъуэ дауэдапщэхэр сытыбзэкIэ дахыну фызэрыхуейр фи быным?
Урысей Федерацэм и президентым лъэпкъхэм фи бзэр фымыджыж жиIакъым: фи лъэпкъыбзэр фщIэж, вджыж, ауэ къэралыбзэри фщIэн хуейщ, - жиIауэ аращ. Сыт атIэ а хуитыныгъэр еджапIэ щхьэхуэ гуэрым и унафэщIым икъутэну щIыхуитыр? Адыгэу щытыну хуей еджакIуэр «ущызгъэтынукъым» жриIэу гъунапкъэ гуэрхэм щIригъэувэр? Нанум ищIэрэ зыщыщыну зыхуей лъэпкъыр? ЩIалэ цIынэм, гъэпцIэгъуафIэм «уурысщ» жепIэмэ, «урысу» зыкъыщыхъужынущ, «уадыгэщ» жепIэмэ, «адыгэу зилъытэжынущ».
Нанум зыгуэр ешхыдамэ, е етIыркъамэ, къэзылъхуар арауи ирехъу, «нанум и хуитыныгъэ пкъутащ» жари, суд Iуэху ящI. АтIэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Конституцэм 8-нэ Статьям и 2-нэ пунктым «Нанухэр я бзэ егъэджэныр адэ-анэхэм я пщэрылъщ» жыхуиIэр зымыгъэзащIэу щIэблэм и хуитыныгъэр пэзубыд, абы ипIэкIэ гъуэгу пхэнж пхызыш адэ-анэхэм апхуэдэ хуитыныгъэ щхьэ ягъуэтрэ?
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэри, егъэджакIуэхэм, ди къуаншагъэ хэлъщ Iуэхугъуэм. Пщэдейрейм щхьэкIэ къэмыулазджэ, дыгъуасэрейр зи набдзэ телъ, нобэрей улахуэр зи пшапэ Iудзэрэ, еджакIуэм гу зэрыдзэ езыгъэщIхэри къытхэтщ. Лъэпкъыбзэрэ литературэрэ езыгъэджыр егъэджакIуэ къудейкъым: псэлъэфу, тхэфу ебгъэсэным щIэныгъэшхуэ пылъкъым, атIэ апхуэдэ IэнатIэ Iутым плъэмэ, нэмыплъысу, джэмэ, нэмыджэсу, еIэм лъэщIэмыхьэу илъэс куэдкIэ ипэ итын лъэпкъым и къэкIуэнур егъэхьэзырри, мис итIанэщ щригъаджэр, щигъатхэр, щIэныгъэ щритыр. Аращи…
ДыпIащIэу мыхъумыщIагъэ къэдмыухэсу,
Дыгувэу къытщыгугъ дымыгъэгулэзу.
Зэзу благъэм зыхуэдмыщIу,
ФIыщIэ ди щхьэ хуэдмыщIыжу
Ди зэхыхьэ фIы къыдыукIуэ,
Ди зэхэшэ бащIэ ухъу!
Къардэн Мусадин, филологие щ1эныгъэхэм я кандидат.
Çerkesya
Diğer Haberler