ДЭ ДЫАДЫГЭЩ, ДЭ ДЫЧЕРКЕСЩ!

#7525 Ekleme Tarihi 04/10/2021 12:51:05

ПщIэ зыхуэтщI  ди хэкуэгъухэ!

Урысейр зи къэралыгъуэ цIыху бжыгъэр ягъэнэхуэн папщIэ, мы гъэм, жэпуэгъуэ мазэм и 15 – щэкIуэгъуэ мазэм и 14 махуэхэм къыхэтхыкI   Iуэхугъуэр екIуэкIынущ.

КъыхэтхыкI тхылъым упщIакIуэхэм иратхэнур езы цIыхухэм къабгъэдэкI жэуапхэрщ.

Жэуап зэтын хуей упщIэхэм яхэтщ, щхьэж зыщыщ лъэпкъыр белджылы ищIыныр.

Дэ,

- абазэхэхэри

- беслъэнейхэри

- бжьэдыгъухэри

- еджырыкъуейхэри

- жанейхэри

- кIэмыргуейхэри

- къэбэрдейхэри

- махъуэшхэри

- натыхъуэджхэри

- уббыххэри

- хьэтыкъуейхэри

- шапсыгъхэри

дызылъэпкъщ, - дыадыгэщ!

Дунейпсом къалытэу мардэ хъуа хабзэмкIэ лъэпкъхэм езыхэр зэрызэдж, нэгъуэщIхэр къызэреджэ, къызэрацIыху фэщыгъэцIэ яIэщ.

Абы къыхэкIыу анэдэлъхубзэкIэ щатхкIэ лъэпкъ фIэщыгъэцIэр - зэрызэджэжщ, хамэбзэкIэ ятхмэ,- къызэрацIыхущ.Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я фIэщыгъэцIэ къебжэкIыу къэралым  къабыл ищIар къэралыбзэм (урысыбзэм) къызэритIасэрщ. НэгъуэщIыу жыпIэмэ, мыурыс лъэпкъхэр езыхэр зэрызэджэщ фIэщыгъэцIэхэр а къебжэкIым хэткъым.

КъыхэтхыкIыр зэрекIуэкIынур адыгэбзэкъым,-хамэбзэщ (урысыбзэщ).

Зэбгырыпхъа мыхъуу дэ зы лъэпкъыу дыкъалъытэным мыхьэнэшхуэ  иIэщ. Абы къыхэкIыу зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу дэтхэнэ зы адыгэми  зыщыщ лъэпкъым и жэуапу къыхэтхыкIым къигъэлъагъуапхъэр зыщ, –Черкесщ.

Ди блэкIари, ди Хэкури зыщ, ди къэкIуэнури зы ирехъу! Дэ дыадыгэщ, (анэдэлъхубзэкIэ), дэ дычеркесщ (хамэбзэкIэ).

Ди хэкуэгъухэр псори фыкъыхудоджэ, къыхэтхыкIым «Черкес»  фIэщыгъэцIэкIэ зыкъэвгъэлъэгъуэну

__________

1. Къэбэрдей адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэщIэзыгъэуIуэ советым и тхьэмадэ Калмыкъ Ж.А

2. Къэбэрдей – Балъкъэр хабзэхъумэ центрым и унафэщI Хьэтэжыкъуэ В.Н.

3. Къэбэрдей –Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэ «ЖылэБзэ»-м и тхьэмадэ Жэмыхъуэ З.Б

4. «Пэрыт» хасэм и тхьэмадэ Аскэр (Гюсер) А.Ф

5. «Къэбэрдей конгресс» хасэм и тхьэмадэ Бешто А.Б

6. «Нарт хэку» хасэм и тхьэмадэ Ашхъуэт А.Т.

7. Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэм «Мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я телъхьэ» жылагъуэ комитетым и тхьэмадэ  ГубэщIыкI Ж.

8. «ХаБзэ» хасэм и тхьэмадэ КуъэщIысокъуэ М.

 01.10.2021 гъэ.

Çerkesya
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks