Илъэсыкıэ Мафэ Къышъуфакıу!

#8130 Ekleme Tarihi 19/03/2022 10:16:10

ИлъэсыщIэ хъуэхъу: 

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ! 

Ди Тхьэ закъуэ! 

Уафэри щlылъэри зезыгъакlуэ 

Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкl. 

Щымыlэр хэзыгъахъуэу 

Телъыджэр зи lэужь. 

Псори зыщыгугъуу 

Зыми щымыгугъыж, 

Къэхъури зэлъэlуу 

Зыми емылъэlуж

Ди Тхьэ, 

Зы Тхьэ,

Тхьэшхуэ!

Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу, 

Губгъуэу диlэр бэвылъэу, 

Лъэуджыджэ тхэмыту, 

lей тхэтыныр ди жагъуэу, 

Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу, 

Ди япэ идгъэщ щымыlэу,

Ди фlыгъуэр здэдгуэшу, 

Гукъеяуэр здэтшэчу. 

Дищl бэвылъэр темыкlыу, 

Ди пщащэхэр щlыкlафlэу, 

Ди щlалэфlхэр лlы хахуэу, 

Ди lуэху дэна ямыщlу, 

«lуэху щlэн» жаlэм къэжану, 

Пэрытыныр и хьэлу, 

Хьэгъуэлlыгъуэр яублэу, 

Бланэм хуэдэу къарууфlэу, 

Мафlэм хуэдэу къэмыскlэу, 

Ди щlэблэр ефlакlуэу, 

Ди нэхъыжьхэр тхуэузыншэу, 

lэнэм щысым тхьэмадэфlу, 

Хасэм хэтым гуащlафlэу. 

Фlыгъуэ дыщымыщlэу,

Щlэм дигъэгуфlэу, 

Хъугъуэфlыгъуэхэр ди бащэу – 

Илъэсыщlэр етхьэкlыну 

Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщlам жиlэ!

Çerkesya
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks