- Саральп Мадинэр хэт, дэнэ дунейм кътехьа?
-- Сэ Къэьэрдейм, Джылагъстэней къуажэм сыкъыщалъхуащ, Шэрий Лиуан сырипхъущ.
- Епэрейри иужьрей еджап1эхэр дэнэ ущеджа.
-- Налщыч къалэ курыт еджап1эр къыщызуха нэужьк1э, Ставрополь къалэм колледжым сыщ1эт1ысхьэри «художник-модельер» 1эщ1агъэр щызэзгъэгъуэтащ. Абы иужьк1э Санкт-Петербург университетым сыщ1эт1ысхьэри психологием сыхуеджащ.
- Мы уи 1уэхуф1 дахэм дау ухэхьа хъуа.
-- Сызэрыц1ык1урэ сигу ирихьырт дэн-бзэныр. Щыгъын зэмл1оужьыгъуэхэр къэзгупсысыныу, ди адыгэ фащэр къыдэсхыжыну. Сыщеджьа курыт еджьап1эм Мадинэ жа1эм, «А-а-а , ар Мэдинэ дэрбзэрыра» жа1эрт.
Илъэс 14 сыхъуау арат, си шыпхъу нэхъыжьым щыхуэстхам: «Сэ щыгъын дахэр къэзгупсысурэ здыну сыхуйещ. Псом хуэмыдэу си нэ къыхуок1, ди адыгэ фащэм и пщ1эр къэс1этыжыныу, ар дахэу, гъэщ1эрэщ1ауэ зылъагъу псом ягу ирихьыу, ц1ыху куэдым ящыгъыу сщ1ыну сыхуейщ.» Мис абы щыгъуэ, илъэс 14 сыщыхъум, си гум ислъхьат адыгэ фащэм сызэртелэжьэнур.
- Адыгэм и фащэм и щыгъыным теухуауэ е исторем сыт къыджеб1ын?
-- Ди адыгэ фащэм хуэдэ щы1экъым. Ар къызэрагупсысырэ заман куэд дэк1ами, и теплъэми, и щ1ык1эми зихъуэжыркъым. Пэжыу жып1эмэ, щэк1 иджьыпсту дызэрылажьэхэр нэгъуэщ1щ, фащэм и гъэщ1эрэщ1эными зихъуэжащ, ауэ, езы адыгэ фащэр, ц1ыхухъу фащэми, ц1ыхубз фащэми и бзыпхъэм зык1и зихъуэжакъым. Гъа1эгъуэныращи, сыт хуэдэ лъэхъэными йок1у, хозагъэ.
- Мыри сэ си упщ1эщ. Ди хабзэм теухуауэ махуэ къас щат1агъэфу ягу ярихьу я жагъуэ мыхъу ямыхьэлъэк1у ( гуп, джэгу ) хэхьэфу щыгъын уегупсыса. Ахуэдэхэр уи1и.
-- Сэ иджьыпсту, нэхъыбэу сызэлэжьыр, адыгэ фащэ хьэгъуэл1ыгъуэм, нысашэм, нысащ1эм щит1агъэращ. Япэ1уэк1э , нэхъыбэу сщ1ыуэ щытащ, махуэ къэс щат1эгъэн, гуп ирихыхьэн щыгъынхэр зэмыл1оужьыгъуэу.
Ауэ, нысащ1эм хуэдгъэхьэзыр фащэм, заман куэд ток1уадэри, нэгъуэщ1 щыгъын куэду тщ1ыркъым. Махуэ къэс щыпт1агъэ хъун щыгъыным иджьыпсту йолэжь ди хъыджьэбз нэхъыжь Лалинэ. Ик1и а 1уэхум хэзэгъащ, и коллекцэхэр ди къэралыми, хамэ къэралхэми къыщагъэлъэгъуащ.
- Уи 1эдэкъэщ1хэр ц1ыху пащхьэ иплъэуэ хэку е къалэхэм я ц1эхэр...
-- Ди фащэхэр ц1ыхухэм я пащхьэ илъыу къыщагъэлъэгъуащ музейхэм, ди къэралым щыщ къалэхэм: Москва, Санкт-Петербург, Майкоп. Хамэ къэралхэу Стамбул, Амман.
Къапщтэмэ, ди адыгэхэр къэрал куэдым щопсоу, ик1и абы къыхэк1ыу дэ ддауэ адыгэ фащэхэр щыплъагъунущ Тыркум, Йорданием, Германием, Америкэм, Австралием нэгъуэщ1 куэдыми.
- Уи гупсысэм къыхэк1у быда уи фащэ щыгъынхэр щат1агъауэ плъагьумэ уигум сыт уигупсысэр.
-- Дэтхэнэ зыми и гуапэ мэхъу и 1эдакъэщ1эк1ыр ц1ыхухэм ягу ирихьыу, зыщат1агъэу щилъагъум и деж. Ауэ, дэ дгъэхьэзыр фащэхэр щыщат1агъэр гуф1эгъуэ махуэщ, ныбжьыщ1ит1ым унагъуэщ1э щауыхуэм и дежщ. Мис а псом нэхъырэ нэхъ гуф1эгъуэщ си дежк1э.
- Уи 1эдэкьэщ1хэм ц1э ептырэ, епта?
-- Абы теухуауэ жыс1энуращи зейк1 ц1э естакъым, хэбгъэзыхьым ик1и сегупсысакъым. Ди фащэхэр, илъэс 25 хъуауэ додыри, т1у зэщхьыу къыхэк1акъым. Я фэк1э, я хэдык1к1э, я щэк1к1э зытехуэркъым. Езы зыхуэдхэм, щхьэж и фащэр игъэгъуащэркъым.
- Уи дыщэ зэманыр фетшхащ къыдхуэгъагъу. Дэрк1э куэду улъап1эщ. Упсэу дигуапэ п1щ1ащ. Ди шыпхъу лъап1э. Дэрбзэр хъунухэм гъуазэ хъуэхъуфыну сыт къыджеб1ыфын?
-- Псом нэхъапэу мы лэжьыгъэм ирилэжьэну хуейм дэрбзэр 1эщ1агъэм зыригъэсэн хуейщ. Лэжьыгъэр тыншыу куэдым къащохъу, ауэ за фащэ сурэт птхык1э зыф1эк1ынукъым. Бзэныри, дэныри, ц1ыху бгъэдыхьэк1и нэгъуэщ1 лэжьыгъэ куэд ехьэл1ащ адыгэ фащэр бгъэхьэзырыным.
Мис ар къызыгуры1уэм, лэжьыгъэм щымышынэу бгъэдэувэм, дауик1 къехъул1энущ. Жыс1эну сыхуещ, сэ модэм сытелажьэркъым, сэ щыгъын къызогупсысыри сод.
А щыгъыныр ц1ыхухэм ягу ирихьымэ псом нэхъырэ нэхъ гуапэ сщохъу.
Уэпсэу Мадина, Тхьэм уригъэфIакIуэ...