Нобэ, Щlышылэм и 18-м, Пащ1э Бэчмырзэ Къызэралъхурэ 170-рэ Ирикъуащ

#9981 Ekleme Tarihi 18/01/2024 10:50:44

Щlышылэм и 18-м 1854 гъэм Къылышбий хьэблэ (Нартан) мэкъумэшыщlэ унагъуэм къыщалъхуащ Пащlэ Бэчмырзэ.

Пащlэ Бэчмырзэ адыгэ тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтlылъахэм ящыщщ. Сытым щыгъуи ар телэжьащ адыгэ тхыдэр нэхъ дахэ, нэхъ къулей хъуным.

Псоми дощlэ Пащlэ Бэчмырзэ и «Жьапщэ мыгъуэр», «Гъатхэр», «Си щIыпIэм папщIэ», «Жьы хъуар гу махэщ», «Дуней ухуэныр-щIэныгъэ Iуэхущ», «Уэ щlакlуэфl уимыlэу...», «Уэсят» «Гъащlэм и уасэ зыщlэр», «Фызыжь», «Зэманыр псынщlэу йокlуэкlыр...» усэхэр.

Абыхэм къыщынэмыщlа Бэчмырзэ и «Псалъэ пэжхэр» даущийуэ иджыри къыздэсым къокlуэкl. Уэрэдыжь, гъыбзэ зыбжани итхащ усакlуэм. Къыхэгъэщын хуейщ абы и дэтхэнэ зы тхыгъэри тхыгъэ къызэрыгуэкlыу зэрыщымытыр.

Абыхэм къыхощ адыгэхэм я псэукlар, зэхэтыкlар, а зэманым lуэхугъуэ къекlуэкlа куэд. Абы и цlэр игъащlэкlи мыкlуэдыжыну хитхащ адыгэ тхыдэм.

Нобэ Пащlэ Бэчмырзэ и цlэр зэрехьэ Налшыч дэт уэрамым. Къыщалъхуа къуажэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ егъэщlылlауэ музей дэтщ.

Абы къыщнэмыщlауэ и цIэкIэ фэеплъ сын яухуащ.

Çerkesya
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks