Къэбэрдей‐Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэк1уэ Вэлерэ и къуэ Къэзбэч деж
ПщIэ зыхуэтщI КIуэкIуэ Къэзбэч
Нобэ Тыркум щIы щыхъеям къыхэкIыу ди лъэпкъым къылъыса тхьэмыщкIагъэшхуэр псоми ди гум щIыхьащ. Апхуэдэу уэри, уи дамэщIэтхэми мы къэхъуа гузэвэгъуэр фигу къызэреуэм шэч къытетхьэкъым.
Дыгъуасэ Украинэм къикIахэм хуэфщIа гулъытэмрэ, гущIэгъумрэ хуэдэу ноби лъэпкъым, ц1ыхубэм я щхьэщыжакIуэу фызэрыщытыр вгъэлъагъуэу ди лъэпкъэгъу гузавэгъуэм хэхуахэм быдэу факъуэувэну дыфщогугъ. Нобэ хуэдэ зы махуэщ ц1ыхум къуэш, благъэ, цIыхугъэ щIыжиIэжри, дыфщогугъ Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъу унэншэ‐лъапсэншэу, джэрэзу утыку къинахэм фи Iэр яхуэфшийну, Хэкум къефшалIэжыну.
Апхуэдэ псапэшхуэ влэжьмэ Хэкум екIуэлIэжыныр зи уэсияту щIым щIыхьэжа ди адэжьхэми я псэр арэзы къыфхуэхъунщ, цIыхубэм я пащхьэми нэхъри ину фи пщIэм зыщиIэтынщ.
Апхуэдэ къабзэу ди хэкуэгъу къэфшэжхэм Хэкум цIыхуу исыр лъэныкъуэкIэ еплъу щымыту зэрызыщIагъэкъуэнур хьэкъщ.
Аращи фIыкIэ дыфщогугъ, унафэ дахэ Тхьэм фигъэщI !
Мазаем и 9 махуэ 2023 гъ.
Мэш Исмел, тхыдэтх, бэдэущ лэжьак1уэ