ÇERKESLERDE YARDIMLAŞMA - АДЫГЭМ Я ЗЭДЭЛЭЖЬЭК1ЭУ ЩЫТАР

#672 Ekleme Tarihi 13/11/2015 08:58:40
13 Kasım 2015   Eski zamanlarda insanlar yardımlaşırdı, ve bu büyük bir keyifle yapılırdı. Çerkeslerde kimse ev, ambar, hayvan barınaklarını tek başına yapmaya kalkışmaz, bu yönde bir niyeti olduğunda gerekli malzemeyi temin ettikten sonra, mutlaka köyünde bu işlere yatkın insanları haberdar ederdi. "Yarın bir inşaat işim var eğer zahmet olmayacaksa ve müsaitsen yardımını bekliyorum " şeklinde bilgi verirdi. Sana bu konuda yardımcı olmayacaksam başka nasıl yardımcı olacağım şeklinde cevaplanır, ertesi güne söz alınırdı. Sabah toplanılır herkes kullandığı alet edevatını getirir, işe başlanır, akşam saatlerinde kadar çalışılır mutlak suretle inşaat tamamlanırdı. Haberdar edilen herkes kesinlikle yardıma gelmesi gerektiğini bilir, gitmediği taktirde eksiklik olacağını düşünürdü. Mahsıme hazır tutulur güne özel bir hayvan kesilir ziyafet verilir, güzel övgüler ile yardıma gelenler onurlandırılır ve yolcu edilirdi. Çerkeslerde bu yardımlaşma sadece inşaat işleri için değil farklı durumlarda da yapılırdı. Düğünü olan aileye bütün köy düğün boyunca çok fazla tükenen odun için yardımda bulunur, her aile hatrı sayılır miktarda yakacak yardımında bulunurdu, tabiki akrabalar mutlak suretle daha fazla yardım ederdi. Tarlada hasadı ve otları getirmeye gücü olmayanın tarlası el birliğiyle toplanırdı. Tarlalar elle biçildiği için yorucuydu ve aynı dönemde herkesin işi olduğu için, iki komşu birlikte hareket eder tarlalarını birlikte biçerlerdi, buna (мэкъуауэгъу) MEKUAĞUEĞU denilirdi. Bu şekliyle iş daha hızlı ilerler yorgunluklar daha az olurdu. Bir başka komşunun işi bitmemiş iken kendi işi biten onu görmezden gelmez, işlerini bitirmesine yardımcı olurdu. Yardım etmemek insanlığa sığmaz olarak nitelendirilir adıgağaya dışında kabul edilirdi. Yün işlerinde de kadınlar bir araya gelerek yardımlaşırdı, bunlar Xabze gereğidir. Çiftçilikte yardımlaşma bahar ayında tarlaların sürülmesi ile başlardı, bu dönemde arayışlar 3-4 aileyi bir araya getirme gayreti yönünde olurdu; çünkü saban sayısı azdı her ailede yoktu ve toprağı sürme işinde sekiz tane kadar öküze ihtiyaç olurdu ve ayrıca su taşımak içinde ayrıca iki öküz daha gerekliydi. Şartların zorluğu gereği daha fazla aile bir arada çalışırdı, her aile çalışma süresince her konuda eşit davranırdı kimse kaytarmaz cimrilik yapmazdı. Ayrıca 9-10 ailenin de bir araya gelip çalıştığı olurdu hep birlikte bir bölgeye gider orada toprak işlenir, daha sonra yine başka bir bölgeye adeta göç eder gibi gidilir bu bölgede bulunan tarlalar sürülürdü. İlk başlarda yapılan wunafe üzerine, her ailenin çalışma günleri, Mahsıme ve yemek günleri bellidir, kimse itiraz etmez değişiklik yapmaz wunafe"ye bağlı kalınır, sadece durumu zayıf olan ailelerin yemek, mahsıme günleri, durumu daha iyi olan aileler tarafından hafifletilmek adına azaltılabilirdi. Bu yardımlaşmalar, aileleri-komşuları son derece yakınlaştırır bitmeyen dostlukların kaynağı olurdu. Toprak sürme işi bittikten sonra köyde toplanılır ve (huohu) dua yapılır, güzel dilek ve temennilerde bulunurdu.  

АДЫГЭМ Я ЗЭДЭЛЭЖЬЭК1ЭУ ЩЫТАР

Пасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ. Зы адыгэ щыIэу щытакъым езым и закъуэ къарукlэ унэ е псэуалъэ гуэр игъэуву. Унэу щрет, гуэщу, шэщу, къинэмыщI псэуалъэу щрети, зыгуэр ищIыну мурад зэрищIу, ирихьэлlэну пхъэкIэбжьэкIэхэр къызэригъэпэщырти, зыгуэр зыщIэфыну къуажэм цIыху зыбжанэм хъыбар яригъащIэт: - Пщэдей щIыхьэху сиlэщ, мыпхуэдэ псэуалъэ тIэкIу согъэуври къомыхьэлъэкIыу укъысхуэкIуэтэмэ, си гуапэ хъунт,- жиIэрти. . - Алыхь-алыхь, ар пхуэзмыщIэм сыт пхуэсщIэн! - жиIэрти къигъэгугъэрт. Пщэдджыжьым къызэхуэст хъыбар зригъэщIа псори, хэт джыдэ, хэт пхъэх, хэти Iэдэ-уадэ яIыгъыу. Щхьэж зыхуэкъулейм еувалIэрти, зэрахузэфIэкIкIэ, хьэрычэт ха­щIыхьу, жэщ хъуху елэжьхэрт. Дауэ ящIми, а махуэм хуаухырт и псэуалъэ гъэувыныр. Апхуэдэ щIыхьэхур, зэрыхабзэти, хэт хъыбар иригъащIэми мыкIуэну Iэмал иIэтэкъым. Езыми махъсымэ иIэт, ныш иукIати игъатхъэрт, фIы­щIэ яхуищIырти, иутIыпщыжырт. Адыгэ щIыхьэхур псэyалъэм и закъуэкъым. ЩIыхьэ­хур лъэныкъуэ зыбжанэкlэ ирагъэкIуэкIыу щытащ ады­гэхэм нысашэ иIэу щытмэ, хьэблэр къызэхуэсырти пхъэ гулъэ зырыз къыхуашэт, курыбэ ирагъэжьэну, нысашэр зэфIэкIыху ягъэсыну. Благъэхэри къыдэIэпыкъурт. И мэкъу, и мэш къыхуемышэлIэжу фIэкIуэдмэ, гукIэ къызэхуэсырти къыхурашэлIэжт. Мэкъуауэгъуэ хъуамэ, «мэкъуауэгъу»,- жаIэрти, зэрымыгъэзэшу лэжьэн щхьэкIэ унагъуитIу зэгухьэрти, мэкъу зэдыпаупщIт. ЗэгъунэгъуитIу лажьэу зым япэ иухамэ, и гъунэгъур къигъанэу IукIыжтэкъым, кIуэрти, а къыкIэрыхуам дэIэпыкъурти хуиухт. Абы дэмыIэпыкъуу IукIыжыныр – ц1ыхугъэншагъэт, адыгагъэ хэлътэкъым. ЩIакIуэ ящIынуми, цей яхъуэнуми цIыхубз гуп къы­зэхуашэсырти, зэдэIэпыкъуурэ ящIт. И мэшыр къыхуемыхьэлIэжу фIикIуэдэжмэ, и нартыхур къыхудэмычыжу уэсым фIыщIиубыдэмэ, е гузавэрэ нэхъ щIэхыу зэфIэкIын щхьэкIэ нартыхур мытхъыу къыдифыщIыкIрэ къишэжамэ, щIыхьэху ищIырти иригъэтхът. Цы япхынумэ, «цыпх щIыхьэху» - жаIэрти, пщыхьэщхьэм хъыджэбз куэду къызэхуашэсырти,' нэху щыху цы япхт. Ар Iэ закъуэкIэ илъэскIи зэфIэкIынутэкъым. Бжыхь къудей яхунумэ гъунэгъухэр къыдэIэпыкъурт емылъэIуми. Ар хабзэт. 1 Псалъэр «щIэхьэху» жиIэу къежьауэ щытащ, иужькIэ «щIы хьэху» хъужащ. «Хьэхурэ хуэщIэ» н. ж. «хьэхуу хуэщIэ Iуэху» жы­хуиIэщ. Вак1уэдэк1 Мэкъумэш лэжьыгъэм япэ дыдэ зэрыщIадзэр вакIуэт. Гъатхэм вакIуэ дэкIыгъуэр къызэрысу, мэкъумэшыщIэхэр зэрызехьэу щIадзэрт. Абыхэм дзей (вэгъу) къалъыхъуэу хуежьэрт. «Дзей»! - жыхуаIэр унагъуитI-пл1ы зэгухьэурэ зы пхъэIэщэкIэ зэдэвэныр аращ. ЦIыхухэр къулейсызт, и закъуэ зы пхъэIэщэ зэщIищIэу вэфыну къуажэ псам уна­гъуэ щlагъуэ дэстэкъым, зы пхъэIэщэм и нэхъ мащIэр арауэ вий (8) щIэщIэн хуейт2, псы кърашэнуи щхьэхуэу витI хуейт. А къомыр зы унагъуэм зэримыIэм къыхэкIыу ехулIа ищIт, унагъуитI-щыр зэгухьэу зэдэвэн хуейуэ. Дзейуэ (вэгъуу) дэтхэнэ зыми къилъыхъуэр - вы бжыгъэкIи, шы бжыгъэкIи, щIы IыхьэкIи езым хуэдэт. 3ым нэхъыбэ щIищIэу адрейм нэхъ мащlэ щIищIэу, зым щIыуэ унэ Iыхьэ пса иIыгъыу, зым унэ Iыхьэ ныкъуэ иIыгъыу зэгурыIуэнутэкъым. Ипэкlэ щIыр унагъуэкIэ ягуэшт. Пащтыхь къалэныр къулейсызхэм яхуэгъэкъаруртэкъыми, щIыуэ Iыхьэ ны­къуэ фIэкIа къыIрахтэкъым, къалэнри Iыхьэ ныкъуэу ящIэн щхьэкIэ. 3эдзейуэ зэгухьэхэр мис а псоми еплът. Ауэ къэхъут: и закъуэ пхъэIэщэ зэщlищIэфрэ вэуэ унагъуэ. Дзейуэ щIызэгухьэр абыкIэ зэфIэкIтэкъым. Абы хуэдэурэ пхъэIэщи 9-1О зэгъусэ защIырти, зэдэщIыгъууэ ва­кIуэм дэкIти, псори зы увыгъуэ гуэрым щетIысэхт, я пщы­Iэр, к1ыхьу зэпыту ящIти щхьэж и хьэпшыпыр и пщыlэ щIилъхьэрт. ЩIыхэр фlагъкIэ зэрызэхуэмыдэм елъытауэ пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпычат, дэтхэнэ пычыгъуэми псами я щIы Iыхьэ хэлът. А зыщlыпlэр щыухмэ, зэрыгупу Iэпхъуэр­ти, адрей увыгъуэм щетIысэхт. Апхуэдэурэ вэн зэдаухт. А пхъэlэщэ къомыр зэгъусэу щымысыну Iэмал имыIэу ехулIа зыщIри мырат: махуэм зэрыва выхэр Iэмал имы­Iэу жэщым гъэхъуэкlуэн хуейт. Махуэм ва лIым жэщым БЫр хуэгъэхъунутэкъым. Унагъуэ къэс выхъуэ лlыщlэ яIыгъын? Псоми зэхэту зы выхъуэ лIыщIэу къащтэрти, я выхэр жэщым хагъэпщт. Абы ещхьыркъабзэу я вабдзэхэр яхуиуIуну гъукIи яIыгъын хуейт. Абыхэм ящlхэр хуавэн хуейт. Ахэр зы унагъуэкIэ зэфIэкIынутэкъыми, абыхэм зэрихулIэрт гупу зэтIысылIэныр. ВакIуэм зэрыдэкIыу, гупым я нэхъыжьхэр зэхэтIыс­хьэрти унафэ ящIт: вакIуэ ихьэжыхукIэ гупым я унафэр иригъэкIуэкIыну зы пхъэIэщэжь хахт. ПхъэIэщэр щыщIэ­щIэн хуейм и деж бэракъыр зыгъэуври, шхэгъуэ хъуауэ щIэтIыкIын щыхуейми бэракъыр езыгъэуэхри а пхъэlэ­щэжь хахар арат. Вэн яухыхункIэ а гупым ящIэн хуей псарикI яубзыхут. Чэзууэрэ махъсымэ ящIурэ къашэну, дэтхэнэ унагъуэми сыт щыгъуэ, сыт хуэдэ махуэм къишэн хуейми белджылыуэ хуагъэувт. А ящIа унафэм къыхэ­пIэнкIыкI щыIэтэкъым, унафэ зэращlам тету ягъэзэщIэн мыхъумэ. Вэн щаухыну зэманым тегуэшауэ махъсымэ чэ­зури ягъэувт. А щIыкIэм тетурэ, вэн яухыху я махъсымэ­ри зэпыутэкъым. А махъсымэр къэзышэм, абы хуэфэщэн гъуэмыли къишэрт, махъсымэм и гъусэу. А гупым ящыщу нэхъ унагъуэ къулейуэ унагъуи 2-3 чэзууэ махъсымэ къэзышэнум хамыгъыхьэу иужь къра­гъанэрт, вакIуэихьэжым и деж хуэзауэ кърагъэшэну. ПхъэIэщэхэм гъунэ иралъыным ипэ ихуэу, вакlуэ гу­пыр псари зэхуэсырти, пхъэlэщэжь унафэщIу хахам «гъу­нэилъ хъуэхъу» - жиIэрт: Я дэ ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, Тхьэгъэлэдж, Телъыджэр зи Iэужь, Едгъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ! И гугъур яхуэмыIуатэу, Матэ щIэдзауэ дыпсэууэ, Псапэр хэтщIыкIыу, К1ыщыр дгъэгуфIэу, Ди фIыгъуэ тIэкIур гъэбагъуэ! Я ди Тхьэ, Вабдзэм и махуэр щIэдгъэлъауэ, Гъунэм и махуэр итлъауэ, ЩIылъэм и хуабэр хыхьауэ, Бэвым и кIуапIэм дытехьауэ, Я дэ ди тхьэ, къыщIэгъэкl. ! «Гъунэилъ хъуэхъур» къэзыIуэтэжар - Нало Мащlэщ, зытхыжар Нало Заурщ. I Д з е й - «зэдзылlа» жыхуиlэщ. 2 Ви-l0-кlэ, 12-кlэ вэ щыIэт. з А дзейуэ зэгухьэ унагъуэхэр апхуэдизкlэ зэсэрти, «ив лlэри и дзей хэкlыжащ» жыхуаIэм хуэдэу; зыгуэр къащымыщIмэ, зэкlэры­мыкlыжу илъэс Iэджэкlи вэгъуу зэрыIыгът. Ар щытIуэжкIэ ­пхыр и матэу, Iэтэ и нэду, Гъасэгу и гулъэу, Гужьхэр игъэщIыщIэу, ГущIэхэр игъэпсалъэу, Хьэм гъунэр гуигъэзу, Хьэм нэзыр гуиуду. Зэ кIыщтэгъуэр - Ху гуибгъуу, ЕтIуанэ кIыщтэгъуэр ­Ху гуипщIу! Унагъуэ и гуэн пщIырыпщI зэбгъурыту. Абы къыщхьэщыттыкI- ныщхьэщыттыкIым псапэри гуапэри иритщIэу Гъэ минкIэ дыгъэпсэу. – «ВакIуэихьэж хъуэхъур» къэзыIуэтэжар Уэзы МутIщ, зытхы­жар КъардэнгъущI 3рамыкущ. Ефэхэрт, шхэхэрти, вакIуэлIхэр хуит ящIыжырти къуажэм дыхьэжхэрт. ВакIуэ тхьэлъэIур абыкIэ яухырт. Ар вакIуэкъихьэж псоми зэрахабзэт. «Къэбакъ» жыхуаIэр - вакIуэихьэж тхьэлъэIухэм ящыщ зыт. Ар ипэкIэ икъукIэ нэгузыужьышхуэу щытащ, вакIуэлIхэм я мызакъуэу, къуажэ цIыху псами щхьэкIэ. Ар иджы щымыIэж хабзэхэм ящыщщ. Ар зищIысымрэ зэ­рекIуэкIыу щытамрэ мыпхуэдэущ: Къэбакъ къэзышэжыну мурад зыщIа гупым, вэн иухы­ным мазэ, нэхъыбэ иIэу къэбакъыр зэрагъэпэщу щIа­дзэрт. Ар хуабжьу къупынщыпынт, IэпщIэлъапщIэ хуейт. Езы вакIуэ гупым я къарукIэ икъукIэ елIалIэу зэрагъэ­пэщт. «Къэбэкъ» жыхуаIэр зэрыщытар мыпхуэдэущ: пхъэ къурагъ к1ыхьым и пэ дыдэм пхъэбгъу щIыкIэу щIауэ зэ­блэдзауэ фIаукIэрт, ябдзырти. Пхъэм къыхащIыкIыурэ шы, мэл, жэм, хьэ, кхъуэ н. къ. Iэджэм я сурэт ящIурэ а пхъэ фIабдзам траIулIэрт. Вэн яуха нэужь, мыдрейхэр зэ­рыжытIам хуэдэу псари ирагъэкIуэкIырти, я шхэни я ефэ­ни зэрызэфIэкIыу, къэбакъыр щытувыгум ику дыдэм ира­гъэувэрти, мыхъеин х,уэдэу быдэу ирапхэрт. Мыр куэдым зэрагъэпэщыфтэкъыми, закъуэтIакъуэххэт къэбакъ, къэзы­шэжыфу къэхъур. Ар зэбгъэпэщын щхьэкIэ гупым хvаб­жьу IэпщIэлъапщIэ яхэтын хуейт. Зэрызэгъэпэщыгъуейм къыхэкIыу зэзэмызэт ар къызэрыхъури, цIыхуу щыIэм яфIэгъэщIэгъуэнт. Абыхэм щыгъуэм езы цIыхухэри IэмыкIуэлъэмыкIуэт. Арати, хуабжьу цIыхухэр хуэяврт, яфIэгъэщIэгъуэну. ИщхьэмкIэ зэрыщыжытIауэ, я вакIуэ тхьэлъэIур губгъуэм щашхт, щрафти, ахэр зэрызэфIэкIыу, я пщыIэр якъутэж­ти, пщыIэ пхъэкIэ-бжьэкIэхэри я гухэм иралъхьэжт, пщы­Iэ бгъэнми мафIэ ирадзти фачкIэ хэуэжти, ягухэр зэщIа­щIэжт. Япэ дыдэ ит гум нэхъыжьхэр ит1ысхэрти лIыжьхэм щхьэкIэ къагъэна махъсымэри гъуэмылэхэри а лIыжьхэм я гум иралъхьэрт. уэрэдрэ «уэредадэрэ» жызыIэну гупыр къэбакъыр зэрыт гум иувэрти, хъурейуэ къеувэкIауэ къэбакъым кIэрыувэрт. Ар нэхъыжьхэм я ужь къиувэжти, «уэредадэр» ину къыхадзэрт.и къежьэжт, я факIэщIыжь­хэр кърахрэ ягъауэу. Ажыгъафэм и сэшхуэжьыр кIэрыуэу дэлъей-къелъыхыу псами япэм иту. Дунейр якъутэжу Iэуэлъауэшхуэу къэкIуэжырт. МыдэкIэ къыздэкIуэж къуажэми, «къэбакъ къашэж»· жаIэрти, къуажэм цIыху къыдэмынэу уэрамым къызэры­дэхуауэ зэрызехьэрт. ЛIыжьхэри къапэплъэрт. Къэбакъыр зрашэлIэну унагъуэм куэд щIауэ хъыбар· кърагъэщIауэ, абыи хуабжьу загъэхьэзырауэ щытт. ВакIуэлIхэм дунейр ящIэщыгъуэу, ину «уэредадэ» жа­Iэу, фач ягъауэу, лIыжьхэр здэщыт къуажэбгъум къызэ­рысыжу гухэр къэувыIэрти, вакIуэлI нэхъыжьхэр къи­кIырти «сэлам» жаIэрти лIыжьхэм ябгъэдыхьэрт. Сэлам зэрахт, псалъэ гуапэкIэ зэхъуэхъурти, вакIуэ Iэнэ пхъэбгъу цIыкIухэр kъахьти къагъэувт. Щынэл гъэ­вахэри гъуэмылэй{эри тез къащIти, махъсымэр пхъэ шы­накъ кIы гъуанэжьым кърагъахъуэрти нэхъыжьым иратт. ЛIыжьхэр зэралъэкIкIэ хъуахъуэрти, махъсымэри ирафт, шхынри яшхт. Ажыгъафэми и сэшхуэжьыр кIэрыуэу ду­нейр хъурейуэ къифыхьт, зэрызимыщI къигъанэртэкъым, цIыхуу щыIэр ныбафэуз хъуауэ дыхьэшхыу абы и ужь итт. ЛIыжьхэм ешхэнри ефэнри зэфIагъэкIырти, вакIуэ тхьэлъэIур яухт. - Иджы, берычэт бесын, лIы хуэдэу фыкъэкIуэжащ, фывахэри бэв тхьэм ищI, IэфIрэ гуфIэгъуэрэ тхьэлъэIу­кIэ фшхыжыну тхьэм жиIэ, фи гъуэгу фытеувэж! - жа­Iэрти, лIыжьхэм гуапэу сэлам ирахыжти, вакIуэлIхэр хуит ящIыжырти, я гъуэгу теувэжырт. Абыхэм иджыщ Iуэхушхуэ щаIэр: зэрыкIуэм хуэдэурэ, хуабжьу уэрэд жаIэурэ, къэбакъыр здашэну пщIантIэм дыхьэрт. Къэбакъыр зэрыт гур пщIантIэку дыдэм щагъэу­вырт, хъыджэбзхэр пшынэ еуэрт, ажыгъафэм ислъэмей ищIу утыкум итт, жылэр абы и ужьым итт. А къэбакъым пыт сурэтхэр зыри къыпамынэу къыпау­дын хуейт, фочкlэ дэуейуэрэ. Ахэр къыпамыуду унэм щlы:хьэ яIэтэкъым. Жэщ хъуху абы дэуейуэ иужь итт. Ахэр псори къыпыудын яухырти, тхьэлъэlури ефэ-ешхэри зэфlагъэкIырт. К:ъэбакъыр зи пщlантlэ зыдаша унагъуэ­ми тхьэлъэlушхуэ къращIэкIт. Абы иужькlэ джэгури тращIыхьыжти, нэху щыхункlэ джэгурт. Икъукlэ нэгузыужьышхуэу яIэт. Гъатхэ тхьэ­лъэlу, абы нэхърэ нэхъ ин зыри щымыlэу, къуажэ псоми яIэтырт, къэбакъым и Iуэхур. А псом яужьыжкlэ шыгъажэшхуэ ящIырт. Сыт щыгъуи зэхуэфlу, къэжэным хуэхьэзыру, абы хузэрашэу шыгъа­жэш зиlэ псоми я шыхэр къыщlашырти къагъажэрт. Зиш къытежым саугъэтышхуэхэр иратырт. Ар къэбакъым и кIэухт. Абы нэмыщlауэ илъэсым и кlуэцIкlэ зэ е тlэу Къэбэр­дей псор зэхуэсырти шыгъажэшхуэ ящIырт. Ари икъукlэ ягъэлъапlэу, нэгузыужьу ирагъэкlуэкIырт. Абы ещхьыркъабзэу Къэбэрдей псор илъэсым зэ зэ­хуэсырт, ерыскъымрэ фадэмрэ куэду кърашалIэрти, дахэу уэрэд жыIэнкlэ, Iэзэу хъуэхъуэнкlэ зэпеуэхэрт. Абы икъу­кlэ гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ иIэт. Сэрмакъ къуажэм щыщ Жыкъуэ Чаус къызэрыджиlэжамкlэ, апхуэдэ зэпеуэ гуэ­рым щатекlуауэ щытащ хъуэхъуэнкlэ и адэ Джэтэжьо­къуэ Екъуб. Зэрыгъыж къуажэм щыщ Хьэмгъуокъу Хьэж­би къызэрыджиlэжамкlэ, Къэбэрдей псор уэрэдкlэ щызэ­пеуам Инарыкъуейм (Курп Ипщэм) щыщ Инарокъуэ Шумахуэ ятекlуауэ щытащ. Ари хабзэу екlуэкIырт.   Özet Çeviri: ÇY Haber Merkezi Kaynak: Kafdağ Yayıncılık      
Dil-Xabze
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks