lэнэм зэрыбгъэдэс Хабзэ

#837 Ekleme Tarihi 15/02/2016 11:15:43
lэнэм зэрыбгъэдэс Хабзэ   Адыгэр lэнэм щытlыскlэ нэхъыжь-нэхъыщlэкlэ, хьэщlэ-хэгъэрейкlэ, щхьэж езым къатехуэ я тlысыпlэ яlэжыурэ щытщ. Жьантlэр къызылъысыр хэгъэрей нэхъыжьыращ. Абы и сэмэгурабгъумкlэ егъэтlыср хьэщlэхэм я нэхъыжьыр. И ижьырабгъумкlэ мэтlысыр хэгъэрей нэхъыжьым къыкlэлъыкlуэр (блъэгъущlэт). Апхуэдэ къабзэу хьэщlэ нэхъыжьым адэкlэ и сэмэгурабгъумкlэ егъэтlысыр хьэщlэ нэхъыжьым къыкlэлъыкlуэр (блэгъущlэт). Япэ хъуэхъур жызыlэу lэнэр къызэlузыхыр хэгъэрей нэхъыжьыращ. Абы хъухъур жиlа нэужьым абы и псалъэр къызэрищтам щыхьэт техъуэу хьэщlэ нэхъыжьыр япэу бжьэм йофэри, итlанэ езы хъуэхъу жызыlар йофэр. Абы иужькlэ адрехэр зэрызэкlэлъыкlуэм хуэдэурэ йофэхэр. Етlыуанэ хъуэхъур хэгъэрей нэхъыжьым жиlэнууэ иретыр хьэщlэхэм я нэхъыжьым. Хьэщlэхэм я нэхъыжьым хъуэхъур жиlа нэужьым абы и псалъэм къызэрищтам щыхьэт техъуэу хэгъэрей нэхъыжьыр япэу бжьэм йофэр. Итlанэ езы хьэщlэ нэхъыжьыр и бжьэм йофэри адэкlэ адрейхэр зэрызэкlэлъыкlуэм хуэдэурэ йофэхэр. Ещанэ бжьэ lэтыгъуэм хэгъэрей нэхъыжьым и псалъэкlэ псорикlи зэроцlыхухэри, зэрызэрыцlыхуам папщlэ йофэхэр. Мыбы щыгъуэм и дейж япэу ефэр хьэщlэ нэхъыжьыращ, псалъэр къыхэзыдзар хэгъэрей нэхъыжьырауэ зэрыщытым папщlэ. Адэкlэ хьэщlэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ чэзуурэ lэнэм нэхъыжьыу щысым хъуэхъу ялъегъэсыр. Хъуэхъу жызыlар абы и псалъэр къызэращтам щыхьэт техъуэу йожьэр хэгъэрей нэхъыжьыр ефэхукlэ. Хьэгъэрей нэхъыжьыр япэу бжьэм ефа нэужьым хъуэхъу жызыlар йофэри итlанэ адрейхэр зэрызэкlэлъыкlуэм хуэдэурэ йофэхэр. lэнэр зезыгъакlуэри lэнэм щысхэм хъуэхъу жаlэну лъызыгъэсыри Хэгъэрей нэхъыжьыращ. Ар хуитщ lэнэм бгъдэсхэм я еплъыкlэм щlэупщlэнууи щlэмыупщlэнууи. Ауэ зэрыхъукlэ хэгъэрей нэхъыжьым хъуэхъу жаlэнууэ япэ зылъигъэсыр, lуэхур щекlуэкl лъэпкъым блэгъагъкlэ нэхъ пэжыжьэхэращ. Ахэм хьэщlагъэ нэхъ ирахыуэ, нэхъ япэжыжьэхэм псаоми псалъэ зэрыратыным иужь итхэщ.   ХЪЫБАР: ХАБЗЭ http://habze.info/publ/lehnehm_zehrybgdehs_khabzeh/1-1-0-101
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks